Главная : Развлечения : Псалъэхэр щIыгъуу уэрэдхэр :

Истамбылакlуэ — Мысостышхуэ Пщызэбий (БЖЬАМИЙ)

ФыкъэдаIуэ цIыхухэ!
ФыкъэдаIуэ псори!
Псалъэр Кавказ къуршыжьхэрщ.
ЕмыщIэжым хыхьэ Iуэхущхуэщ,
Зэман пшагъуэм щIихъума гуауэщ
Нобэ фигум къэдгъэкIыжынур.
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.

Уо си адэжь пщIантIэ гущэм
Шыгур щызэщIащIэ,
Си гущIэр къыщитхъыурэ
Хэкур сагъэбгынэ.
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.

Уо Истамбыл гъуэгу гущэри
Уей унэшэкъаши,
Си къэшэну дахэри
Жылэм къыдэзнауэ,
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.

Уо си шыпхъу нэхъыщIэ гущэр
Зэрыщхьэц барини
Ди дей зэрыбынурэ
Сэ къыскIэрыщIауэ,
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.

Сэ а махуэм кхъухь тедзапIэм
СыкъыIукIыри сыкъежьащ,
Къуэ ещанэм сыкъэсауэ
Зы шу къакIуэу къысхуэзащ.
ЖакIэм нэпсыр къыщыпыткIум
Сэлам тыгъуэр ирохьэлъэ,
Сыкъогубжьыри «лIы и хьэлкъым »
ЖысIэу щIалэм сыхуохъущIэ.
Зы лъэбакъуэщ уэ уи нэпсыр
Плъагъужынум къыпхуэнэжыр,
ЖиIэщ шуми си лъэужьыр
И гъуэгуанэу щIэпхъуэжащ.
Сэ къызочыр а лъэбакъуэр,
БгъуэнщIагъ гуэрым сырохьэлIэ.
ЛIауэ щылъыр щIегъу щэныкъуэм,
ЛIэуэ щылъыр абы хыубжэм
Зы щитху хъуну къыщIэкIынщ.
Зи джанэбгъэр фыщIа анэм
И нэр къаплъэу псэр щинащ,
Зи псэм еджэ и сабийри,
Зэса бгъафэм щIэгъуэлъхьащ.
Насыпыншэу къалъхуа цIыкIур
Шхэну хуейщи хокIиикI,
Зи псэ пытхэм ар зэхахри
Плъагъуу я гур кIоузыкI.
ТIэкIу щэIужри Iэуа дыгъэм
И нэ цIыкIухэр щIилъэфащ.
Сэри щIакIуэр занэзэкъуэм
Хьэдэтепхъуэ яхуэсщIащ.
Шум жиIауэ сэ си нэпсыр,
ЩIакIуэм тету слъагъужащ.
Мис абдежым сиувыкIыри
Сэ тхьэлъанэ быдэу сщIащ —
КъызэдаIуэр, акъыл зиIэр,
Мы Iуэху бзаджэм къезгъэлыну
Энджылызми Тырку пащыхьми
Си хэку дахэр щысхъумэну
Емынэ узыр зыхыхьэпауэ
ЗытекIуэдэжыр Тыркум нэсахэрщ,
Я нэхъыбитIыр хыр къэукъубейри,
ХьэпIацIэ Iусыу хэкIуэдэжахэщ.
Къэнажа тIэкIур мы къуакIэ-бгыкIэм
Дэвубыдауэ дывогъэлIыхьыр.
Фэ итIани фи тхьэлъанэщ
Дэ ди цIыхухэр фIыуэ флъагъуу,
Бгырыс лъэпкъыу щыIэ псоми
ФIы къехъулIэм фэ фи гуапэу.
Ар апхуэдэу щытыр пэжым
ЗылъэмыкIхэр щыхэкIуадэм,
Ди цIыхубзхэр шыплIэжьагъэу
Хъан бейгуэлхэм щызэрапхъуэм
Хэт и хьэдэ фэ вгъеяр?
Лей къыттехьэу сыт щIэвдар?
Хьэпэщыпхэ бийм яхуэхъуу
Сыт фэ дыуэ щIэвмытхар?
Зэм Щамилым, зэм алыхьым ,
Зэм пащтыхьым фырилIыкIуэщ.
Дэнэу пIэрэ фэ цIыхугъапцIэу
Емынэжьхэм фи къежьапIэр.
Хэт и хабзэм тедухуэну
Фэ фи хьэдэм и щIэлъхьэкIэр,
Сын фхуэтщIынут блащхьэ фIэту
ЩIым ар хэптIэм щIыр гызынущ.
МафIэ тщIырэ фыхедгъасхьэм,
Уз хэкIынущ фи жьэрымэм.
Ар псом нэхърэ нэхъ фхуэфащэщ
Iус фахуэхъум псыпцIэблэжьхэм.
ЦIыху нэлатыр зытехуауэ
Щхъухьыр щхъухьым хырекIуадэ,
Зи губампIэ мытIысахэм
Фэ фи ужьыр яхухъу махуэ!

Адыгэжь бэракъ гущэри,
Уей жьыбгъэм зэрехьэ.
Ди деж я хъыбархэри,
Хэт дэ къытхуихьыну.
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.

СКАЧАТЬ ВЫПУСК   06:25, 1.5 Мб
добавлен 23.12.15 16:30

Михаил Усов, артист цирка @ Week & Star
Виктор Шкипин @ Week & Star
Тимур Соловьев @ Week & Star
Арман Давлетяров @ Week & Star
Юрате Гураускайте, главный редактор журнала InStyle @ Week & Star
Архив выпусков рубрики

На главную
О проекте
Программы
Контакты

Полная версия
Вход