Главная : Развлечения :

Псалъэхэр щIыгъуу уэрэдхэр

Выходит с 26 января 2015 года
Автор: ABV

Подкастов: 39

Последняя запись: 23.12.15 16:32


Си адэ — Тхьэгъэлэдж Светланэ

Си адэ, сыпхуэзэхукIэ уэ ущэхущ,
Ауэ уэ уи гур къызопсалъэ гуапэу.
Уэ уи псэм си дунейр къысхуегъэнэху,
Дэнэ сыкIуами сщIыгъущ шы гъусэ лъакъуэу.
Сэ си щхьэм уи Iэ пхъашэр къыдэплъамэ
КъысфIощI нэхъ щабэ Iэ дунейм щымыIэу,
Уи нэгур гуфIэу зэ укъысIуплъамэ
Зызолъытэж насып мыухыр сиIэу.

Ежьу:
Си адэу фIыуэ слъагъуу си гур зей,
Сыхуейщ сэ куэдрэ укъысщхьэщытыну.
Нызохь си лъэIур ди тхьэу Тхьэшхуэм дей
ЗыгуэркIэ сэ уи жагъуэ сымыщIыну.

Си адэ, зэпымыууэ укъыттетщ
Си сабиигъуэм и псынащхьэ къабзэу.
Къару мыкIуэщIыр сэ абы къызет,
Мы дуней гъащIэм щызесхьэ хабзэр.
Бын лъагъуныгъэр щызэхэзмыщIа
Сэ къэзгъэщIам зы махуэ закъуэ сщIэжкъым.
Уэращ си лъагъуэр кууэ хэзышар,
Ар сокIу си гъуазэу уи псалъэ пэжхэр.

Ежьу

СКАЧАТЬ ВЫПУСК   04:19, 1015.9 Кб
добавлен 23.12.15 16:32

Все выпуски
На главную
О проекте
Программы
Контакты

Полная версия
Вход