Насып къызетыр сэ уи уэрэдым,
Си лъэпкъ гурыщlэм и бзэр уэращ.
Зы зэман гуэрым уэ усфlэкlуэдым
Ди бгы пагэжьхэр бзагуэу къэнащ.
Ежьу:
Ей, адыгэ пшынэ, адыгэ пшынэ уей,
Си псэм ухэтщ уэ си гур пхуосакъыр.
Лъэпкъыр кlуэдыну сфlощlри сошынэ, уей,
Зэхэзмыхыжу щытмэ уи макъыр.
Уэ хьэгъуэлlыгъуэм ущыбзэрабзэм
Ди lуащхьэмахуэ и бзэр къеутlыпщ.
Аращ и анэр гурыщlэ къабзэм,
Еуэ удж пыхум хъухукlэ нэхущ.
Ежьу
Уэ уи макъамэр нэусмэ уафэм
Вагъуэ нэгъунэ ящl ислъэмей.
Ди дыгъэр плъыхукlэ еуэ уи къафэм,
Уэрыншэ гъащlэ сэ сыхуэмей.
Ежьу
Насып къызетыр сэ уи уэрэдым,
Си лъэпкъ гурыщlэм и бзэр уэращ.
Зы зэман гуэрым уэ усфlэкlуэдырт,
Ди бгы пагэжьхэр бзагуэу къэнащ.