Главная : Развлечения :

Псалъэхэр щIыгъуу уэрэдхэр

Выходит с 26 января 2015 года
Автор: ABV

Подкастов: 39

Последняя запись: 23.12.15 16:32


Адыгэ уэрэд — Хьэтыхъу Эдуард

Насып къызетыр сэ уи уэрэдым,
Си лъэпкъ гурыщlэм и бзэр уэращ.
Зы зэман гуэрым уэ усфlэкlуэдым
Ди бгы пагэжьхэр бзагуэу къэнащ.

Ежьу:
Ей, адыгэ пшынэ, адыгэ пшынэ уей,
Си псэм ухэтщ уэ си гур пхуосакъыр.
Лъэпкъыр кlуэдыну сфlощlри сошынэ, уей,
Зэхэзмыхыжу щытмэ уи макъыр.

Уэ хьэгъуэлlыгъуэм ущыбзэрабзэм
Ди lуащхьэмахуэ и бзэр къеутlыпщ.
Аращ и анэр гурыщlэ къабзэм,
Еуэ удж пыхум хъухукlэ нэхущ.

Ежьу

Уэ уи макъамэр нэусмэ уафэм
Вагъуэ нэгъунэ ящl ислъэмей.
Ди дыгъэр плъыхукlэ еуэ уи къафэм,
Уэрыншэ гъащlэ сэ сыхуэмей.

Ежьу

Насып къызетыр сэ уи уэрэдым,
Си лъэпкъ гурыщlэм и бзэр уэращ.
Зы зэман гуэрым уэ усфlэкlуэдырт,
Ди бгы пагэжьхэр бзагуэу къэнащ.

СКАЧАТЬ ВЫПУСК   04:24, 1.0 Мб
добавлен 23.12.15 16:08

Все выпуски
На главную
О проекте
Программы
Контакты

Полная версия
Вход